Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

25 Шемэн и цӀэу лӀы гуэр Ерусэлим щыпсэуащ а лъэхъэнэм. Ар езыр цӀыху щыпкъэт, Тхьэм и жыӀэ тӀу зымыщӀт, Тхьэм Израилым и гуныкъуэгъуэр игъэтӀысу и гур фӀы щищӀыжыну пӀалъэм пэплъэрт, Тхьэм и Псэр и гъусэ зэпытт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:25
22 Iomraidhean Croise  

Мис Нухь и хъыбарыр: Нухь мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыхэмылъ цӀыху пэжу а зэманым псэу цӀыхухэм яхэтащ; щыпкъагъэкӀэ Тхьэм хуэпсэущ Нухь.


Аримафей жылэм щыщ Исуф къэкӀуащ. А Исуфыр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщу, щӀыхь зыхуэфащэ тхьэмадэу щытащ. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэрт ар. Тегушхуэщ, Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ абы.


Елизавет Мэрием и фӀэхъус псалъэр щызэхихым, и ныбэм илъ сабийр хъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Елизавет игу куууэ хыхьэри,


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а сабийм и адэ Зэчрей игу кууэу хыхьэри, мы псалъэхэр къыжригъэӀащ:


Мис а фызабэр асыхьэт дыдэм Мэриемрэ Исуфрэ къабгъэдыхьэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Тхьэм Ерусалим щхьэхуитыныгъэ къызэрыритынум пэплъэу щыта цӀыху псоми сабийм и хъыбар зэпымыууэ яхуиӀуэтащ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм я унафэр абы ядищтэгъакъым. А Исуфыр Иудей хэкум хыхьэ Аримафей жылэм щыщт. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэу щытащ.


Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


Дунейм тет дэтхэнэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ журтхэр Ерусалим дэст.


Аращи, Тхьэми цӀыхухэми я дежкӀэ гукъабзагъэкӀэ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызэрыпсэуным сыт щыгъуи сыхущӀокъу.


Бегъымбархэм я псалъэхэр езыр-езыру жаӀакъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэӀуэтащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan