Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Мыбы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэ щабжар. Ар къыщыхъуар Сирие хэкум и Ӏэтащхьэу Квириние зи цӀэм и зэманыращ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Ар къыщыхъуар Курний Сирием и унафэщӀу щыщыта зэманырщ, абы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэу щабжар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:2
9 Iomraidhean Croise  

Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


А махуэхэм Рим къэралышхуэ псом ис цӀыху псори ябжыну икӀи я цӀэхэр ятхыну Август кесарым унафэ ищӀащ.


Арати, и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэ, щхьэж и адэ-анэр зыщыщ къалэм кӀуэжащ.


Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.


Ар хытӀыгум и Ӏэтащхьэ Сергей Паул зи цӀэм и гъусэт. Сергей Паул цӀыху губзыгъэу щытащ. Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэну фӀэфӀти, абы Варнавэрэ Щаулрэ иригъэблэгъащ.


Галлион зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.


«Сэ, Клаудий Лисий, щӀыхь зыхуащӀ Феликс Ӏэтащхьэм фӀэхъус узох.


Абы и ужькӀэ пащтыхьи, Ӏэтащхьэри, Вереники, абыхэм я гъусэхэри къэтэджыжри, пэшым щӀэкӀыжащ.


Абы и ужькӀэ, цӀыхухэр щабж гъэм, Галилей хэкум щыщу Иудэ зи цӀэ лӀыр къежьэри, цӀыху куэд гъусэ къыхуэхъуащ. ЦӀыхухэм ари яукӀри, и гъуса псори зэбгрыкӀыжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan