Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 «ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

14 – Уафэм щӀыхьыр Тхьэм щейщ! ЩӀылъэми Тхьэр зыхуэарэзыхэм я гур гупсэхугъуэкӀэ гъэнщӀауэ щытщ!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:14
36 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: – Хьусаннэ Даут и Къуэм деж! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!


лӀэныгъэм и шынагъуэм хэтхэмрэ кӀыфӀыгъэм хэтхэмрэ ятепсэн икӀи мамырыгъэ гъуэгум дытригъэхьэн щхьэкӀэ».


«Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ! Уафэм мамырыгъэ щыӀэщ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ».


Уафэм щыщ мелыӀыч гупышхуэ къыщыхутащ а мелыӀычым деж напӀэзыпӀэм. Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀащ абыхэм:


МелыӀычхэр ӀукӀыжу, уафэм дэкӀуеижа нэужь, мэлыхъуэхэм жаӀащ: «Зиусхьэным зи гугъу къытхуищӀа къэхъуакъэщӀар тлъагъуну Бэтлэхьэм дывгъакӀуэ».


тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.


Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.


Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


Аращи, фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀэу Тхьэм декӀужауэ щытщ.


Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


Дэ тщӀа гуэныхьхэм къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущӀэгъушхуэ зиӀэ Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм щхьэкӀэ Мэссихь дригъусэу дыкъигъэпсэужащ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ дыкъригъэлащ дымыкӀуэду.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.


бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.


езым игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм фахуеинуи влэжьынэуи лъэкӀыныгъэ къывэзытыр Тхьэращи.


И Къуэм жорым лъыуэ щыщӀэкӀамкӀэ, Тхьэм езым дызригъэкӀужурэ, и Къуэм къыпкъырыкӀыу щӀылъэми уафэми щыӀэ псори езым зригъэкӀужащ.


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэу фӀыуэ дызылъэгъуауэ, зи нэфӀ щыхуэныгъэмкӀэ сыт щыгъуи дызыгъэгушхуэм фӀыгъуэм дыщегъэгугъ. Абырэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ, сыт хуэдэ фӀыгъуэри вгъэзэщӀэн икӀи къыжыфӀэн щхьэкӀэ, фрырагъэгушхуэ, фигури ирырагъэбыдэ.


Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan