Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 2:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Уафэм щыщ мелыӀыч гупышхуэ къыщыхутащ а мелыӀычым деж напӀэзыпӀэм. Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀащ абыхэм:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

13 А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч гупышхуэ напӀэзыпӀэм гъусэ къыхуэхъури, Тхьэм щӀыхь хуащӀурэ, жаӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 2:13
18 Iomraidhean Croise  

Абдежым илъэгъуащ пщӀыхьу: пкӀэлъей тетщ щӀылъэм, уафэм щӀэуэу; Тхьэм и мелыӀычхэри къох икӀи докӀуей абыкӀэ.


Зиусхьэным и мелыӀыч псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы. Зиусхьэным и уафэдзэ псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы.


Жэуап къызэт, Зиусхьэн, сыту жыпӀэмэ уи лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжыр фӀыщ. Зыкъысхуэгъазэ, уи фӀыщӀагъэ бэ дыдэщ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.


Ар зэрыщыпкъэр фэзыгъэщӀэнур мыращ: Сабий гуэр хъыданым кӀуэцӀышыхьауэ, шхалъэм дэлъу къэвгъуэтынущ.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.


Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.


ИтӀанэ сыщыплъэм, тахътэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм яхъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ мелыӀыч куэд дыдэхэм я макъыр зэхэсхащ; ахэр я бжыгъэкӀэ мин Ӏэджэ хъурт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan