Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 19:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 КъегъэлакӀуэр мы унагъуэм нобэ къэкӀуащ, – жриӀащ Хьисэ Закхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

9 – Нобэ мы унэм щӀэсхэри Тхьэм къригъэлащ, – жриӀащ Хьисэ Зэхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 19:9
15 Iomraidhean Croise  

Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?


Я ужь итхэм ящыщхэр япэ ищынущ, япэ итхэм ящыщхэри я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.


Ар щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ, Лазар къысхуэгъакӀуи, абы и Ӏэпэр псым хищӀэм, си бзэгум къытрилъхьэурэ ирегъэупщӀыӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы мафӀэм сыхэтщи, хьэзаб стелъщ».


– «Хьэуэ, ди адэ Ибрэхьим», жиӀащ лӀым, «лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжрэ игъэзэжмэ, ахэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынущ».


цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм уэ щыбгъэхьэзырауэ, цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур си нэхэмкӀэ слъэгъуащи.


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,


Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ.


Мэссихь фызэрейм щхьэкӀэ Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ.


Аращи, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Ибрэхьим и бын пэжу зэрыщытыр зэвгъащӀэ.


Пасэм фэ Тхьэм и лъэпкъыу фыщытакъым, иджы абы фрилъэпкъщ. Пасэм Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀыртэкъым, иджы гущӀэгъу къыфхуещӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan