Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 19:42 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

42 – Мамырыгъэ къыпхуэзыхьыну Ӏуэхугъуэхэр нобэ уэри пщӀэуэ щытыгъатэмэ, сыгуфӀэнт, ауэ уи нэхэм ахэр ящыбзыщӀауэ щытщ зэкӀэ;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

42 – Мамырыгъэм ухуэзышэ гъуэгур уэ, Ерусэлим, нобэ къэплъэгъуатэмэ, сыгуфӀэнут. Ауэ уэ ар иджыпсту къыбгурыӀуэркъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 19:42
35 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным езым и псалъэкӀэ уафэгухэр къигъэщӀащ, и унафэкӀэ – уэгум къыщынэхухэр.


Ерусалим пэгъунэгъу хъууэ, къалэр щилъагъум, абы хуэгъыурэ, Хьисэ жиӀащ:


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уи бийхэм быдапӀэхэмкӀэ укъыщыщаувыхьын махуэхэр къыпхуэкӀуэнущ. Абыхэм укъаухъуреихьынущ, дэнэ лъэныкъуэкӀи къыщыптеуэнущ.


Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкӀуэдынущ, мывитӀ зэтелъу къагъэнэнукъым, Тхьэм умыкӀуэду укъыщригъэлыну зэманыр къэсауэ къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ.


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;


Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху.


Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Тхьэм и макъыр нобэ зэхэфхмэ, фи гур ерыщу щывмыгъэт, фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым щащӀэу зэрыщытам хуэдэу».


Аращи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэм хуэдэу: «Нобэ Тхьэм и макъыр зэхэфхмэ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan