34 – Зиусхьэныр хуейщ абы, – жаӀащ лӀыкӀуэхэм.
34 – Зиусхьэныр абы хуэныкъуэщ, – ятащ абыхэм жэуап.
Шыд шыщӀэр къыщыкӀэратӀэтыкӀым, ар зейхэм къыжраӀащ: – Сыт шыд шыщӀэр къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр?
Шыд шыщӀэр Хьисэ деж къашэщ, я щыгъынхэр тралъхьэри, Хьисэ ягъэшэсащ.
Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.