Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 19:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Елеон зи цӀэ Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылитӀым Виффагиерэ Вифаниерэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 ЗейтункӀэ зэджэ Ӏуащхьэм къетӀысэкӀауэ къыӀус жылэхэу Бэтфагрэ БэтэӀинрэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъэсэнхэм щыщ цӀыхуитӀ абы игъэкӀуащ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 19:29
11 Iomraidhean Croise  

Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм кӀуэри, жэщыр абы щрихащ.


мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу, цӀыху зэи зытемытӀысхьа шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ.


Ерусалим и гъунэгъуу, гъуэгур Елеон Ӏуащхьэм къыщех щӀыпӀэм Хьисэ щынэсым, ялъэгъуа Ӏуэху телъыджэ псом щхьэкӀэ гуфӀэрэ макъышхуэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ гуп псоми мыпхуэдэу жаӀэу щӀадзащ:


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ, ауэ жэщ къэскӀэ къалэм дэкӀырти, Елеон Ӏуащхьэм жэщыр щигъакӀуэрт.


Ерусалим дэкӀри, зэрихабзэу, Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм дэкӀуащ. И гъуэгу ирикӀуэхэри щӀыгъут.


Хьисэ ахэр Ерусалим дишщ, Вифание жылэм и гъунэгъуу ишэщ, и Ӏэхэр къиӀэтри, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну яхуелъэӀуащ.


Апостолхэм, Елеон Ӏуащхьэм къехыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ абы и ужькӀэ. Елеон Ӏуащхьэр Ерусалим пэгъунэгъут, щэбэт махуэ гъуэгу хуэдизкӀэ нэхъ пэмыжыжьэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan