Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 19:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 УзэрылӀы пхъашэм щхьэкӀэ сыпщышынащ. Уэ умыгъэтӀылъар къыбощтэж, тумысари къытыбохыж».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

21 ЦӀыху гущӀэгъуншэу узэрыщытым щхьэкӀэ сыпщышынащ, щумыгъэтӀылъам къыщыбощтэ, тумысар Ӏубохыжри».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 19:21
16 Iomraidhean Croise  

Ещанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, мис уи минэр. Ар хъыданым кӀуэцӀыслъхьэри щызгъэлъащ.


Пщым абы жриӀащ: «Уэ уи псалъэхэмкӀэ узгъэкъуэншэжынщ, унэӀут бзаджэ. Уэ пщӀэрт сэ сызэрылӀы пхъашэри, сымыгъэтӀылъар къызэрысщтэжри, тезмысар къызэрытесхыжри.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атӀэ лъэкӀыныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, зышыӀэныгъэр ди гум илъ ещӀ.


Зыгуэр Тхьэм и унафэ псоми едаӀуэрэ, зы унафэ закъуэм текӀмэ, унафэ псоми текӀауэ къуаншагъэ илэжьауэ мэхъу.


Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр зи гум илъыр шынэркъым, шынагъуэр фӀылъагъуныгъэ нэгъэсам щхьэщехри. Шынагъуэр къемэтмахуэм и гугъуехь шэчыным епхащ. Шынэ цӀыхум и гум фӀылъагъуныгъэ нэгъэсар илъкъым.


КъыщӀэкӀуэнур цӀыху псоми хьэкум ятрищӀыхьыну аращ икӀи абыхэм ящыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъ псоми я къуаншагъэ псори яригъэлъагъуну арщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум имылъу, бзаджагъэ Ӏуэхугъуэу ялэжьа псом щхьэкӀи, псалъэ Ӏейуэ Зиусхьэным теухуауэ жаӀа псом щхьэкӀи къуаншэ зэрыхъуар а гуэныхьыщӀэ цӀыхуу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъхэм яригъэлъагъунущ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan