Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

43 Нэфым и нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым, Тхьэм щӀыхь хуищӀу, Хьисэ и ужь иуващ ар. Ар щалъагъум, цӀыху псоми Тхьэм щытхъу хуаӀэтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

43 Нэфым и нитӀыр асыхьэтым къэплъэжри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, Хьисэ и ужь иуващ. Къэхъуар зылъэгъуа псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:43
30 Iomraidhean Croise  

И унэ лъапӀэм Тхьэм щыжиӀащ: «СогуфӀэ лъэщу, Шехэм згуэшынщ, Суккот кӀейри тезгуэшэнщ.


Уафэм пшэ къытрегъэхьэ Абы, уэшхыр щӀым щхьэкӀэ къегъэхьэзыр, Ӏуащхьэхэм удз къыщегъэкӀ;


Уэ, Зиусхьэн, щхьэегъэзыпӀэ узощӀ, емыкӀу къызремыхь игъащӀэкӀэ, гугъуехьым сыхэшыж уи щыпкъагъэкӀэ.


Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, нэфхэмрэ лъашэхэмрэ къакӀуэри, абдежым щигъэхъужащ.


ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


Хьисэ ар щыжиӀэм, къыпэувауэ щыт цӀыху псори укӀытэжащ, ауэ адрейхэр Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэ псоми щыгуфӀыкӀащ.


Ерусалим и гъунэгъуу, гъуэгур Елеон Ӏуащхьэм къыщех щӀыпӀэм Хьисэ щынэсым, ялъэгъуа Ӏуэху телъыджэ псом щхьэкӀэ гуфӀэрэ макъышхуэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ гуп псоми мыпхуэдэу жаӀэу щӀадзащ:


Хьисэ сымаджэм щхьэщыувэщ, плъыржьэрым егийри, хихуащ. ЗанщӀэу къызэфӀэувэри, абыхэм хьэщӀагъэ къарихащ цӀыхубзым.


ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм: – Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар!


ЦӀыху псоми Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыху псоми Хьисэ илэжь псори ягъэщӀагъуэ щыхъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:


А псалъэхэр щызэхахым, ахэр щым хъуащ. Тхьэм щӀыхь хуащӀри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъхэри я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынурэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъуну Тхьэм игъуэу илъытащ абы щыгъуэ.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan