Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Абы къикӀыр езыр хамэ лъэпкъхэм зэраӀэщӀыхьэнурщ. Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къыхущӀэджэнущ икӀи къеубжьытхынущ. ИтӀанэ щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

32 Ар мажусийхэм ӀэщӀалъхьэнущ, абыхэм Ар ауан ящӀынущ, ягъэпудынущ, еубжьытхынущ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:32
26 Iomraidhean Croise  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.


икӀи къыщыдыхьэшхынурэ щӀопщкӀэ къеуэнущ, жорым ираӀулӀынурэ ар хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ; ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм.


Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.


Хьисэ и напэм щӀэубжьытхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ ахэр. НэгъуэщӀхэри енэпэфауэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:


Хьисэ япхри, Понтий Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀалъхьащ.


Языныкъуэхэм Хьисэ еубжьытхыу щӀадзащ. И нэр щапхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ. – Убегъымбармэ, къоуар хэтми къыджеӀэт! – жраӀащ. ХъумакӀуэхэри Хьисэ енэпэфауэрт.


Нэху зэрыщу, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей тхьэмадэхэри хэту, дин пашэшхуэхэм хасэ ящӀащ. Хьисэ япхщ, яшэри, Пилат ӀэщӀалъхьащ.


ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ар.


Хасэм хэта псори къэтэджыжри, Пилат Ӏэтащхьэм деж Хьисэ яшащ.


Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ.


Абдежым щыта цӀыхухэм ялъэгъуащ а псор. Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм дыхьэшхыурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ. Езыр Тхьэм къыхиха Мессихьырамэ, мыкӀуэду зыкърырегъэлыж.


Хьисэ ар щыжиӀэм, хъумакӀуэхэм ящыщу нэхъ пэгъунэгъур Хьисэ енэпэфауэри, жиӀащ: – Дин пашэшхуэм щхьэ упэпсэлъэжрэ?


Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.


– Мы лӀым щӀэпхъаджагъэ ищӀауэ щымытамэ, уи деж къэтшэнутэкъым, – къыжраӀащ абыхэм.


Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и лӀэкӀэ хъунур ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, жиӀауэ щыта псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ.


– Сэ сыжурт-тӀэ? – жэуап къитыжащ Пилат. – Уи лъэпкъымрэ дин пашэшхуэхэмрэ укъысхуашащ. Сыт уэ пщӀар?


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


Мы лӀым къехъулӀамкӀэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэуэ ди адэшхуэхэм я Тхьэм и Къуэ Хьисэ и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм я пащхьэм къыщигъэлъэгъуащ. Ар фэ тепщэныгъэ зиӀэхэм евгъэубыдащ. Пилат Ӏэтащхьэм ар къиутӀыпщыжыну и гугъарэ пэт, фэ абы и пащхьэм Хьисэ щызэфпэсакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan