Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 иӀам нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ мы дунейм щызымыгъуэтыжын цӀыху зыри щыӀэкъым, икӀи апхуэдэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ ахърэтым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

30 мы дунейм ӀэджэкӀэ нэхъыбэ щигъуэтыжынущ, къэкӀуэну дунейми гъащӀэ уахътыншэ щиӀэ хъунущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:30
19 Iomraidhean Croise  

Сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ сыпщогугъ сэ; Зиусхьэн, си Тхьэ, Уэращ жэуап езытыр.


Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм мы дунейми ахърэтым къыщыхуэгъунукъым.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


Пкъыр бгъэсэнми фӀагъ гуэр хэлъщ, ауэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным сыт и лъэныкъуэкӀи и фӀагъ къокӀ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум илъыным мы дунеймрэ къэкӀуэну дунеймрэ фӀыкӀэ ущегъэгугъри.


Пэжыр жызоӀэ, цӀыху гуэр иӀэмкӀэ арэзымэ икӀи Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъмэ, абы фӀагъыу хэлъыр инщ.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.


Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan