Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

22 Ар щызэхихым, Хьисэ унафэщӀым мыпхуэдэу жриӀащ: – Зыщ уэ узыхуэныкъуэу къэнар. УиӀэу хъуар щэжи, къыщӀэкӀыр факъырэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ щыбгъуэтынущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:22
16 Iomraidhean Croise  

Ялэжьам елъытауэ ядэпсэу, яхуэфащэмкӀэ етэж абыхэм; я бзаджэщӀагъэ егъэпшыныж, я ӀэщӀагъэ пегъуэкӀ егъэгъуэтыж.


– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Зыщ нэхъ узыхуейр. Мэрием Ӏыхьэ нэхъыфӀыр къыхихащ, а ӀыхьэфӀыр абы Ӏахыжынукъым.


Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.


– Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ а псори, – жиӀащ адрейм.


Ар щызэхихым, адрейм игу щӀыхьащ, мылъкушхуэ иӀэти.


– Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр махуэ къэс кърещти, си ужь къреувэ, – яжриӀащ Хьисэ а псоми.


Си къуэшхэ, сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ слъытэркъым, ауэ зы Ӏуэху закъуэ сощӀэ: блэкӀа Ӏуэхухэр сщыгъупщэжурэ, сяпэкӀэ ит Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсынум и ужь ситщ.


Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan