Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 – ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, фӀы зыри щыӀэкъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 – Зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀа ущиякӀуэкӀэ укъыщӀызэджэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Тхьэм и закъуэщ зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:19
10 Iomraidhean Croise  

– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.


Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?


Хьисэ пашэ гуэр къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «Зинэ умыщӀэ, цӀыху умыукӀ, умыдыгъуэ, цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.


Сыт хуэдэ ӀуэхуфӀри тыгъэ пэжри уафэм къох, уафэм щыӀэ нэхухэм я Адэ лъапӀэм къыбгъэдокӀ. Зэблэу жьауэхэм хуэдэу, абы зрихъуэжыркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan