Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

17 Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм хуэдэу Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэмыувэм абы егъэзыпӀэ къыщылъысынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:17
8 Iomraidhean Croise  

жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.


Ауэ Хьисэ сабийхэр къриджэри, жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, апхуэдэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.


Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.


КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan