Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Ауэ Хьисэ сабийхэр къриджэри, жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, апхуэдэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

16 Ауэ Хьисэ сабийхэр зыбгъэдишэри, мыпхуэдэу жиӀащ: – Сабийхэм фапэрымыуэу, си деж къэвгъакӀуэ, сыту жыпӀэмэ абыхэм хуэдэщ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:16
14 Iomraidhean Croise  

Ибрэхьим Исхьэкъыр, езым и къуэр, сунэт ищӀащ еянэ махуэм, Тхьэм абы унафэ къызэрыхуищӀам тетэу.


Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


ЦӀыхухэм сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, трагъэӀэбэну. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щалъагъум, цӀыхухэм ядакъым.


Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр къызыхуригъэхыну игъэгугъар фэращ, фи бынхэращ, дэни щыпсэу цӀыхухэрщ – езым и бын хъуну Зиусхьэну ди Тхьэм къыхуриджа цӀыхухэрщ.


Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀыр фызым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Апхуэдэуи, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фызри лӀым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Армыхъумэ фэ фи бынхэр мыкъабзэу хъунт, ауэ иджы ахэри Тхьэм ейщ.


КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan