Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 18:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Хьисэ и гъэсэнхэр тхьэ елъэӀу зэпыту щытын щхьэкӀэ икӀи я гур зэи мыкӀуэду дунейм тетын папщӀэ, щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар яжриӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 18:1
26 Iomraidhean Croise  

ФӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр Зиусхьэным яхуиӀэнущ игъащӀэкӀэ. Абы и щыпкъагъи къахуигъэнэнущ цӀыхум и къуэхэм я къуэжхэу,


Абы и цӀэм хужыфӀэ щытхъу уэрэдыр. Лъытэныгъи щӀыхьи хуэфщӀ Абы.


Хъыбар дэгъуэщ уэр папщӀэ яӀуатэр, Тхьэм и къалэ!


Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми, Тхьэм къыхуӀуихынущ.


Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.


ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Тхьэм зэпымыуэ фелъэӀу. Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, фымыжейуэ фысакъ, Тхьэм и фӀыщӀи фщӀы.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan