Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 17:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 – Фщыщ гуэрым унэӀуту иӀэр вэуэ е мэлхэр игъэхъуу жытӀэнщ. А унэӀутыр губгъуэм къыщикӀыжкӀэ, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къыбгъэдэтӀысхьэ», жриӀэну пӀэрэ абы?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

7 – Фэ фщыщ гуэрым и унэӀутым щӀы ивэу е мэл игъэхъуу жытӀэнщ. АтӀэ унэӀутыр губгъуэм къикӀыжа нэужь, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къэтӀыс» жепӀэну абы?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 17:7
6 Iomraidhean Croise  

– Фэ фщыщу хэт и мэл закъуэр щэбэт махуэм мащэм ихуамэ, къизымыхыжынур? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


– Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным а пашэм. – Зи выр е зи шыдыр къыкӀэритӀэтыкӀыу щэбэт махуэми псы езымыгъафэ къыфхэт?


Хьисэ абыхэм еупщӀащ итӀанэ: – Фэ фщыщ гуэрым и шыдыр е и выр щэбэт махуэм псыкъуий мащэм ихуэмэ, занщӀэу кърихыжынукъэ?


– Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум и пэ къихуэ махуэхэм Ӏуэхухэр абы тетынущ.


– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.


Хьэуэ, жриӀэнукъым. ЖриӀэнур мыращ: «Пщыхьэщхьэшхэ къысхуэгъэхьэзыр, уи цеикӀэр дэупщӀи, сэ сышхэху икӀи сефэху къысщхьэщыт. Абы и ужькӀэ ушхэну икӀи уефэну ухуитщ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan