Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 17:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 – Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

6 – Андэгурэдэгум и жылэм хуэдиз хъун фӀэщхъуныгъэ фиӀэу мы жыгым «Уи лъабжьэ дыдэм деж зыкъыщыхэтхъи, хым зыщыхэсэ» жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 17:6
13 Iomraidhean Croise  

– КъакӀуэ! – жиӀащ Хьисэ. Петр кхъуафэжьейм къикӀри, псы гущӀыӀум тету, Хьисэ деж кӀуэну ежьащ.


– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.


– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – фи гум шэч къивмыгъэхьэу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, ахъуо жыгым есщӀам хуэдэ къудейкъым фщӀэн флъэкӀынур, мы Ӏуащхьэми «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жефӀэмэ, зыхидзынущ.


Ар зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Хаса нэуж, ар хьэдзэ псоми я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ.


– «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.


Ар зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хадэм хисащ. Хьардэлыр къэкӀри, и къудамэхэм къуалэбзухэр къытетӀысхьэу, жьауапӀэ яхуэхъуащ.


– Фщыщ гуэрым унэӀуту иӀэр вэуэ е мэлхэр игъэхъуу жытӀэнщ. А унэӀутыр губгъуэм къыщикӀыжкӀэ, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къыбгъэдэтӀысхьэ», жриӀэну пӀэрэ абы?


Арати, цӀыхухэм япэ ищри, ахъуо жыгым дэпщеящ, Хьисэ зригъэлъагъун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ а гъуэгумкӀэ блэкӀын хуейт.


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.


Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan