Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 17:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 Сэ нывжызоӀэ, зы пӀэм цӀыхуитӀ хэлъынущ а жэщым, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 НывжызоӀэ, а жэщым цӀыхуитӀ зы пӀэм хэлъу щытынущ, ауэ мелыӀычхэм зыр къагъэнэнурэ адрейр здащтэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 17:34
18 Iomraidhean Croise  

СщумыгъэпщкӀу уи нэгу; губжьым ухэту, сэ, уи ӀурыщӀэр, ӀэщӀыб сумыщӀ. ДэӀэпыкъуэгъуу узиӀащ Уэ; сыхыфӀумыдзэ, сыкъомыбгынэ, Тхьэуэ си КъегъэлакӀуэ!


Псыхэм ящхьэкӀэ Зиусхьэным и макъ къыщоӀу; Тхьэуэ щӀыхь зиӀэм и макъыр щыблэ макъым хуэдэщ. Зиусхьэным и макъыр псы куэдым ящхьэкӀэ итщ.


Мис, а Ӏуэхухэр къэхъун и пэкӀэ абыхэм я хъыбар нывжесӀащ.


Ауэ фэ фызыхуэсакъыж, а Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, абыхэм я гугъу фхуэсщӀащ.


– Утыкум псоми укъранэми, сэ укъизнэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.


– Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым.


Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ фщӀа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, псори апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ.


Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ къэфхьа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ псори.


Зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну и ужь ит дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ.


ЦӀыхубзитӀым гуэдз зэдахьэжынущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan