Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 17:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщылъэгъуэжыну махуэм дежи Ӏуэхухэр апхуэдабзэу щытынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

30 ЦӀыхум и Къуэр цӀыхухэм къащыхуэлъэгъуэну махуэми дунейр апхуэдэу щытынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 17:30
22 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм тесу, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ абы щыгъуэ: – КъыджеӀэт, а жыхуэпӀа Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур, икӀи уэ дунейм укъызэрыкӀуэжынумрэ мы дунейм и кӀэухыр къызэрыкӀуэнумрэ я нэщэнэхэр сыт?


Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум дежи Ӏуэхухэр абы тетынущ.


Къэхъунур ямыщӀэурэ, псыдзэр къащӀэуэри, ахэр псори ихьащ икӀи итхьэлащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум дежи апхуэдэущ Ӏуэхухэр зэрыщытынур.


– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэхэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы уафэ гъунэм къыщыщӀэдзауэ адрей гъунэм нэсыху уафэхъуэпскӀым дунейр зэригъэнэхум хуэдэу, къыщыкӀуэжыну махуэм деж ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэлъэгъуэжынущ.


Ауэ ЛутӀ Содом къалэм щыдэкӀа махуэм мафӀэрэ тхъуэбзащхъуэрэ зэщӀэлъу уафэм къещэщэхри, ахэр псори хэкӀуэдащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори, пэж хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀахэр Тхьэм щаригъэпшыныжын махуэщ ахэр.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэ, щӀыхьышхуэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм фыщыпэплъэкӀэ, Тхьэм и бынхэм ярит тыгъэхэм ящыщу фимыӀэ зыри щыӀэкъым.


Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.


Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.


Фэ, гузэвэгъуэм хэтхэр, фыдигъусэу гузэгъэгъуэ къывитыжынуи Тхьэм захуагъэу елъытэ. Ар къыщыхъунур Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехыу, лъэкӀыныгъэ зиӀэ и мелыӀычхэр щӀыгъуу къыщылъэгъуэжыну махуэрщ.


Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.


А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.


Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.


Аращи, фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Мэссихь мы дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсу, езыр къыщылъагъуэкӀэ, абы и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэурэ, дыщымыукӀытэжын щхьэкӀэ, ар фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.


ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan