Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 17:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сыт щыгъуэ къэкӀуэну? – жаӀэу фарисейхэр Хьисэ щеупщӀым, абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр нэрылъагъуу къэкӀуэнукъым,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

20 – Тхьэм и Тепщэныгъэр къыщысынур дапщэщ? – жаӀэу фарисейхэр Хьисэ щеупщӀым, мыпхуэдэу къажриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэр нэрылъагъуу къэкӀуэнукъым,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 17:20
9 Iomraidhean Croise  

«Фэ фи къалэм и сабэу ди лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀар фхукӀэрыдогъэщэщыж; апхуэдэу щыт пэтми, зэвгъащӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъар».


Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт.


– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу.


Хьисэ жиӀэхэм цӀыхухэр едаӀуэ щыхъум, мы ущие хъыбарри къыпищащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Ерусалим и гъунэгъуу щытт икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр асыхьэтым къэлъэгъуэну цӀыхухэр гугъэрти.


– Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым, – жэуап къитыжащ Хьисэ. – Си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщу щытатэмэ, журтхэм саӀэщӀэмыхуэн щхьэкӀэ, къысхуэлажьэхэр схуэзэуэнт. Ауэ сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan