Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 17:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 – ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхугъуэхэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыпкърыкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 – ЦӀыхур гуэныхьым тезыгъэгушхуэ гуэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Ауэ гъуэгу мыгъуэ теуващ цӀыхур гуэныхь щӀэным тезыгъэгушхуэр, – яжриӀащ Хьисэ и гъэсэнхэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 17:1
14 Iomraidhean Croise  

Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.


ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ.


– «Мусэ бегъымбарымрэ адрей бегъымбархэмрэ емыдаӀуэмэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», къыжриӀащ Ибрэхьим.


Аращи, дэ зыр зым дгъэкъуэншэн хуейкъым. Зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэху гуэр фи къуэшым и гъуэгум тевмылъхьэну фи гум теубыдагъэ илъын хуейщ.


Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.


Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.


Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.


Аращи, шхыну сшхымкӀэ си къуэшым гуэныхь езгъащӀэмэ, игъащӀэкӀэ лы сшхынукъым, си къуэшым гуэныхь къезмыгъэхьын щхьэкӀэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ӀупщӀу къыжеӀэ дунейм и иужьрей лъэхъэнэхэм цӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум зэрытекӀыжыпэнур. ЦӀыхухэр дезыгъэхьэх жинхэми, жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэми едэӀуэнущ.


Ауэ Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрхэр вдызолъагъу: Билеам и гъуэгум тет цӀыхухэр къыфхэтщ. Билеамщ Балак зыгъэӀущар, израил цӀыхухэм гуэныхь яригъэщӀэн щхьэкӀэ. Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр Балак израил цӀыхухэм яригъэшхащ икӀи зинэ яригъэщӀащ.


Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: БегъымбаркӀэ зэджэж цӀыхубз Езавел фыпэувыркъым. Зинэ ящӀэнуи, хамэ лъэпкъ щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр яшхынуи сэ къысхуэлажьэ цӀыхухэр егъэӀущ икӀи дехьэх абы.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan