Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

9 НывжызоӀэ, мы дуней нэпцӀым щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъу зэвгъэгъуэт, фи мылъкур фыуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэхэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:9
28 Iomraidhean Croise  

– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


– ЩӀылъэм мылъкушхуэ щызэхуэвмыхьэс, щӀылъэм щыӀэр е хъуным яшх е улъийурэ мэкӀуэдыж, дыгъуакӀуэхэм яхъунщӀэ икӀи ядыгъури.


– ЗиусхьэнитӀым хуэлэжьэн зыми лъэкӀынукъым, е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.


Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.


Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, дуней мылъкур зефхьэну узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, мылъку пэжыр фэ фи ӀэмыщӀэ хэтыт къизылъхьэнур?


– Зы унэӀутым зиусхьэнитӀым хуэлэжьэн лъэкӀынукъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.


Си ӀэнатӀэр сӀихыжмэ, сщӀэнур иджы къэсщӀащ, цӀыхухэм я унэхэм срагъэблэгъэн щхьэкӀэ».


жиӀащ: «Корнелий, Тхьэм уи тхьэлъэӀур зэхихащ, уи псапэ тыхьхэри щымыгъупщауэ и гум илъщ.


Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ: – Зиусхьэн, сыт узыхуейр? – Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.


Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь гущӀэгъу къыфхуищӀу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ къызэрывитынум фыпэплъэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan