Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 – Апхуэдэу щыхъум, тепщэр и унэзехьэ хьилэщым щытхъуащ, зэрыӀущым щхьэкӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм тет цӀыхухэр зэрызэхущытымкӀэ нэху щыпкъым щызекӀуэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ Ӏущщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 Тхьэмадэр гуэнтет хьэрэмыгум щытхъуащ губзыгъэу къызэрыщӀэкӀам щхьэкӀэ; сыту жыпӀэмэ Тхьэм и бынхэм елъытауэ, мы дуней нэпцӀым и бынхэр нэхъ губзыгъэу къыщӀокӀ, езыхэм ещхь гуэрхэм Ӏуэху щыдащӀэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:8
23 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэну Тхьэм къигъэщӀа губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ящыщу блэр псоми нэхърэ нэхъ хьилэшыт. Абы жриӀащ цӀыхубзым: – Пэж дыдэу жиӀа Тхьэм, «Жэнэтым щыкӀ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх», жиӀэу?


Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.


Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм мы дунейми ахърэтым къыщыхуэгъунукъым.


– НэгъуэщӀ цӀыхухэращ, – къритыжащ жэуап Петр. – Аращи, я къуэхэм хьэкъ тралъхьэркъым, пэжкъэ? – жриӀащ Хьисэ абы.


– Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунущ, Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ мыхъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунукъым.


Си ӀэнатӀэр сӀихыжмэ, сщӀэнур иджы къэсщӀащ, цӀыхухэм я унэхэм срагъэблэгъэн щхьэкӀэ».


Унэзехьэм нэгъуэщӀ гуэрми жриӀащ: «Уэ сыт хуэдиз щӀыхуэу птелъыр?» – «Гуэдз къэпищэ стелъщ», жиӀащ абы. – «Уи щӀыхуэ тхылъыр къэщтэжи, пщӀей итхэ», жриӀащ абы.


Зиусхьэным жиӀащ итӀанэ: – Щыпкъагъэ зигу имылъ хеящӀэм жиӀэм федаӀуэт.


– Иджырей цӀыхухэм фыз къашэ, лӀыи докӀуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


– Ауэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжу, ахърэтым щыпсэуну зыхуэфащэхэм фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым.


Нэхум и бын фыхъун щхьэкӀэ, нэхум фщӀыгъуху, нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. А псалъэхэр жиӀа нэужь, абыхэм яхэкӀыжри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.


Зыми и щхьэ къремыгъэпцӀэж. Фэ фщыщ гуэрым мы лъэхъэнэм акъылыфӀагъэ иӀэу зилъытэжмэ, акъылыфӀагъэ имыӀэу ирехъу, акъылыфӀагъэ пэж иӀэн щхьэкӀэ.


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.


Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым икӀи кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan