Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 – «Сыт сщӀэнур?» – жиӀащ игукӀэ унэзехьэм. «Си тепщэм си ӀэнатӀэр сӀехыж. ЩӀы къэстӀыну къару схурикъун сиӀэкъым, сылъэӀуэнуи соукӀытэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

3 «Сыт иджы сщӀэнур? – жиӀащ гуэнтетым игукӀэ. – Си тхьэмадэм си лэжьыгъэр стрехыж. ЩӀы къысхуэтӀынукъым, факъырэӀус сыщӀэлъэӀуну си дзэр мэш.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:3
26 Iomraidhean Croise  

– Пщыхьэщхьэр къыщысым, жызум хадэр зейм лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым жриӀащ: «ЛэжьакӀуэхэм къеджи, я ужькӀэ къэкӀуахэм щыщӀэдзауэ япэу къэкӀуахэм нэсыху, я махуэ лэжьапщӀэр ет».


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ абыхэм я гъусэу къалэм щыдэкӀыжым Тимей и къуэ Вартимей зи цӀэ нэф гуэр факъырэӀус щӀэлъэӀуу гъуэгу напцӀэм тест.


Арати, егупсысри, и щхьэм хужиӀэжащ: «Сыт сщӀэнур? Си гъавэр зэрыслъхьэн гуэн сиӀэкъым».


Арати, лӀы бейм и унэзехьэр къриджэри, жриӀащ: «Уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж? Си мылъкур зэрызепхьэ щӀыкӀэр сыгъэлъагъу. Си мылъкур дяпэкӀэ уэ зепхьэ хъужынукъым».


ЛӀы бейм и куэбжэм деж лӀы тхьэмыщкӀэ гуэр, Лазар зи цӀэр, и щӀыфэр бэгум зэщӀищтауэ щылът.


– ЛӀы тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ, мелыӀычхэм ар Ибрэхьим бегъымбарым деж яхьащ. ЛӀы бейри дунейм ехыжри щӀалъхьэжащ.


Си ӀэнатӀэр сӀихыжмэ, сщӀэнур иджы къэсщӀащ, цӀыхухэм я унэхэм срагъэблэгъэн щхьэкӀэ».


– Ауэ фызабэр зыщӀэлъэӀур хуимыщӀэурэ, зэманыфӀ екӀуэкӀащ. ИтӀанэ игукӀэ жиӀащ: «Сэ Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми,


Гъунэгъухэми ар нэфу зэрыщытар зылъагъуахэми жаӀащ: – ФакъырэӀус щӀэлъэӀуу щысар мыракъэ?


Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт.


Къэтэджи, къалэм дыхьэ. Уэ пщӀэн хуейр зыгуэрым къыщыбжиӀэнущ абдежым.


Фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм лэжьэн ямыдэу зэхэтхащ. Абыхэм Ӏуэху ящӀэркъым, ауэ я Ӏуэху зыхэмылъым хэтщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan