Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэшитху сиӀэщ. Мы гугъуехь шэчыпӀэм ахэри къэмыкӀуэн щхьэкӀэ, зыхуэсакъыжыну ягурырегъаӀуэ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 Къуэшитху сиӀэщи, ахэри мы хьэзаб шэчыпӀэм къэмыкӀуэн щхьэкӀэ, сакъыну схужрегъэӀэж».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:28
16 Iomraidhean Croise  

– «АтӀэ, ди адэ», жиӀащ лӀы бейм, «сынолъэӀу, си адэм и унэм Лазар гъакӀуэ,


Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ.


Силэрэ Тимофейрэ Македоние хэкум къыщикӀым, Паул гурэ псэкӀэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым* журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт.


НэгъуэщӀ псалъэ куэдкӀи хуабжьу тригъэчыныхьурэ Петр абыхэм елъэӀуащ: – Мы лъэпкъ бзаджэм Тхьэм зыхевгъэшыжи, фымыкӀуэду зыкъревгъэгъэл.


Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.


Ауэ Ӏэхъулъэхъухэри гузэвэгъуэхэри къызэрыспэщылъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызигъащӀэурэ, къалэ псоми щыхьэт къыщысхутохъуэ.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


ЕтӀуанэ жэщым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри, къыжриӀащ: – Умыдзыхэ. Ерусалим щыхьэт укъызэрыщысхуэхъуам хуэдэу, Рим къалэшхуэми щыхьэт укъыщысхуэхъун хуейщ.


ИтӀани нобэр къыздэсым Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, цӀыкӀуми инми я пащхьэм щыпкъагъэм щыхьэт сыщытохъуэ. Бегъымбархэмрэ Мусэ бегъымбарымрэ къэхъун хуейуэ жыхуаӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыркъым:


Махуэ гуэр хахри, Паул зыщӀэс унэм цӀыху гупышхуэ къэкӀуащ. Пщэдджыжьым щыщӀэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр ягуригъаӀуэурэ, Паул а тепщэныгъэшхуэм щыхьэт хуэхъуащ. Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм я тхылъхэм итхэмрэ ящыщ къеджэурэ, Паул Хьисэ теухуауэ жиӀэхэр я фӀэщ ищӀыным хэтт.


Апостолхэр Зиусхьэным щыхьэт хуэхъури, абы и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдэӀуа нэужь, Самарие хэкум щыщ жылагъуэ куэдым хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуаӀуатэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.


Иджыри щыхьэт сохъу, сунэт зезыгъэщӀ дэтхэнэми Торэт хабзэм ит псори игъэзэщӀэн хуейщ.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


Адэр и бынхэм зэрадэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу, фэ фщыщ дэтхэнэми дывдэгъуэгурыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.


Мы ӀуэхумкӀэ зыми и къуэшым мыхъумыщӀэ иримыщӀэну е къимыгъэпцӀэну хуейщ Тхьэр. ЗэрывжетӀам икӀи зэрывгурыдгъэӀуам тету, апхуэдэ бзаджагъэ зыщӀэ цӀыху псоми яхуэфащэр Зиусхьэным яригъэпшыныжынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan