Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 – «Си щӀалэ», жиӀащ Ибрэхьим, «уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетым уэ абы ӀыхьэфӀыр щыбгъуэтрэ, Лазар гугъу щехьу зэрыщытар. Ауэ абы игу зыгъэзагъэ фӀыгъуэхэр егъуэт иджы, уэ гугъу уохь.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

25 «Си щӀалэ, – жиӀащ Ибрэхьим, – уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетам уэ фӀыгъуэ ущымыщӀэу, Лазыр гугъу ехьу зэрыщытар. Иджы ар мыбы щотынш, уэ абы гугъу ущохь.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:25
25 Iomraidhean Croise  

Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.


Сэ сощӀэ: бгым щызелъатэ бзу псори, губгъуэм ис псэущхьэ псори сысейщ.


Уи унэшхуэр мафӀэм ирагъэхьащ лъабжьэм нэсыху; Уэ узыщагъэлъапӀэ унэшхуэр яуцӀэпӀащ.


– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.


Апхуэдэ дыдэу, уи лъакъуэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀыж. Уи лъакъуитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыӀункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, улъашэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.


ЛӀы бейм и куэбжэм деж лӀы тхьэмыщкӀэ гуэр, Лазар зи цӀэр, и щӀыфэр бэгум зэщӀищтауэ щылът.


А лӀы бейм, лӀахэм я лъахэм хьэзэб щытелъу и нэхэр къиӀэтри, Ибрэхьим жыжьэу къилъэгъуащ, Лазари бгъэдэсу.


Абы нэмыщӀ, фэрэ дэрэ ди зэхуакум къуэ куу дэтщ, мыбы никӀыу фи деж нэкӀуэну хуейхэр нэмыкӀуэфын щхьэкӀэ. Апхуэдэу, фи деж къикӀыу ди деж къэкӀуэни ялъэкӀынукъым».


– фэ, бейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фигухэр зыгъэзагъэ Ӏуэхугъуэхэр вгъуэтакӀэщи,


– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.


А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.


Гуэныхь щӀэнымкӀэ зы зэман кӀэщӀкӀэ зигъэтхъэжыным нэхърэ, Тхьэм и цӀыхухэм гугъуехь ядишэчыныр нэхъ къищтащ.


Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэри фӀыуэ фымылъагъу. Мы дунейр фӀыуэ зылъагъу цӀыхум и гум Адэ лъапӀэм и фӀылъагъуныгъэр илъкъым.


– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan