Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Ар щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ, Лазар къысхуэгъакӀуи, абы и Ӏэпэр псым хищӀэм, си бзэгум къытрилъхьэурэ ирегъэупщӀыӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы мафӀэм сыхэтщи, хьэзаб стелъщ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

24 Щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Лазыр къысхуэгъакӀуи, и Ӏэпэр псым хищӀэурэ си бзэгур схуегъэгъэупщӀыӀу, сыту жыпӀэмэ мы мафӀэ сызыхэтым хуабжьу гугъу сыщохь».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:24
29 Iomraidhean Croise  

– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


«Ибрэхьимщ дэ ди адэр» жывмыӀэххэ! Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэми Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.


– «Хьэуэ, ди адэ Ибрэхьим», жиӀащ лӀым, «лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжрэ игъэзэжмэ, ахэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынущ».


КъегъэлакӀуэр мы унагъуэм нобэ къэкӀуащ, – жриӀащ Хьисэ Закхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ.


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


– Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.


– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.


Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.


Ибрэхьим сунэт ящӀа цӀыхухэми адэ хуэдэу яхуохъу. Абыхэми адэ хуэдэу щӀахуэхъур ахэр сунэт зэращӀа къудейм щхьэкӀэкъым, ахэр Ибрэхьим и лъэужьым техьауэ, ар сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгуу зрикӀуам ахэри зэрырикӀуэм щхьэкӀэщ.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.


Взэгури апхуэдэ мафӀэм хуэдэщ. Мы дунейм и бзаджагъэхэр абы тезщ. Ди пкъым щыщу бзэгуращ пкъы псор мыкъабзэ зыщӀыр икӀи гъащӀэм и шэрхъым мафӀэр щӀэзыгъанэр. Жыхьэнмэм и мафӀэр бзэгуращ зэщӀэзыгъэнар.


Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.


ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan