Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 ЛӀы бейм и куэбжэм деж лӀы тхьэмыщкӀэ гуэр, Лазар зи цӀэр, и щӀыфэр бэгум зэщӀищтауэ щылът.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

20 Къулеижьым и куэбжэм деж зы факъырэ Ӏулът, Лазыр и цӀэу. Лазырым и щӀыфэр бэгум зэщӀищтат.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:20
14 Iomraidhean Croise  

Сэ сызыгъэбий хьилэшыхэр си насыпыншагъэ щремыгуфӀыкӀ, сыхьэкъыншэу си жагъуэгъухэр си тхьэмыщкӀагъэм иремыгъэгуфӀэ.


Левиатыным и щхьэхэр пкъутэри, губгъуэ нэщӀым ис цӀыхухэм гъуэмылапхъэ ящӀыну ептащ.


Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ: – Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.


– ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт.


А тхьэмыщкӀэр и мэжалӀэ иригъэкӀыну хэтт лӀы бейм и Ӏэнэм къехуэхымкӀэ. Хьэхэри къекӀуалӀэурэ, абы и бэгухэм къебзейрт.


Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.


Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт.


Къуэш тхьэмыщкӀэр Тхьэм зэриӀэтамкӀэ ирегуфӀэ.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan