Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀур хэкӀуэдыкӀыным нэхърэ уафэмрэ щӀылъэмрэ нэхъ кӀуэдыжыгъуафӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

17 Уафэри щӀылъэри нэхъ кӀуэдыжыгъуафӀэ хъунущ Теурэт Хабзэм зы хьэрф хэкӀуэдыкӀыным нэхърэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:17
11 Iomraidhean Croise  

Пэжыр нывжызоӀэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Мусэ и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, абы ит псори къэхъуху.


Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.


Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.


Ауэ Тхьэм и псалъэхэр мыкӀуэдыжу игъащӀэкӀэ къонэ». А псалъэхэращ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм къыфхуаӀуэтар.


Зиусхьэныр къыщыкӀуэжыну махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэм хуэдэу къэсынущ. А махуэм макъышхуэ ящӀу уафэхэр кӀуэдыжынущ, мы дунейр къызыхэщӀыкӀа псори мафӀэм исынурэ кӀуэдыжынущ. ЩӀылъэри абы тет псори мафӀэм исыжынущ.


Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.


УафэщӀэрэ щӀылъэщӀэрэ слъэгъуащ итӀанэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей уафэри япэрей щӀылъэри щыӀэжкъым, хыри щыӀэжкъым.


Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan