Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

14 Ахъшэ фӀыуэ зылъагъу фарисейхэм ар щызэхахым, Хьисэ ауан къащӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:14
18 Iomraidhean Croise  

– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


Хьисэ къыжиӀащ: – ФыщӀэкӀ, хъыджэбз цӀыкӀур лӀакъым, ар мэжей. Хьисэ ар щыжиӀэм, абдеж щытхэр къыщыдыхьэшхащ.


ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.


Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.


Абдежым щыта цӀыхухэм ялъэгъуащ а псор. Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм дыхьэшхыурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ. Езыр Тхьэм къыхиха Мессихьырамэ, мыкӀуэду зыкърырегъэлыж.


Ауэ абыхэм ар зэрылӀар ящӀэрти, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;


ЦӀыхухэм абыхэм ящыщхэр ягъэикӀэурэ икӀи щӀопщкӀэ еуэурэ, гугъуехь ирагъэшэчащ, итӀанэ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, лъэхъуэщым щӀадзащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan