Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 16:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 – Зы унэӀутым зиусхьэнитӀым хуэлэжьэн лъэкӀынукъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

13 Зы лӀыщӀэр тхьэмадитӀым зэуэ хуэлӀыщӀэн лъэкӀынукъым; сыту жыпӀэмэ зыр фӀыуэ имылъагъуу, адрейр илъагъуу щытынущ; зым хуэпэжу, адрейм нэмыплъ ириту щытынущ. Тхьэми мылъкуми зэхуэдэу фыхуэлэжьэн флъэкӀынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 16:13
12 Iomraidhean Croise  

– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


– ЗиусхьэнитӀым хуэлэжьэн зыми лъэкӀынукъым, е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.


– Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу зэхуэзымыхьэсым зэбгредз.


– Ар хэтуи щрет, гъусэ зыкъысхуэзыщӀауэ, и анэр, и фызыр, и бынхэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр фӀыуэ зэрилъагъум, и псэри фӀыуэ зэрилъагъум нэхърэ сэ нэхъыфӀу сызымылъагъур си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъуфынукъым.


НэгъуэщӀхэм я мылъкур зрахьэнкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, фэ фи мылъкур зефхьэну хэтыт къывэзытынур?


ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.


– ФымыгъэувыӀэ ар, – къыжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыфпэмыувыр фи гъусэщ.


Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan