Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 15:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 – Абы ещхьу, цӀыхубз гуэрым дыжьын ахъшипщӀ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэ щӀигъанэу ахъшэр къигъуэтыжыхукӀэ, хуэсакъыпэу лъыхъуэурэ, унэ псор щӀищыкӀыркъэ?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 – Е цӀыхубз гуэрым дыжьын жьгъеипщӀ иӀэу жытӀэнщ. АтӀэ а дыжьынипщӀым щыщу абы зы фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэр пигъанэу набдзэгубдзаплъэу унэр къипхъэнкӀыурэ лъыхъуэнукъэ, дыжьыныр къигъуэтыжыху?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 15:8
9 Iomraidhean Croise  

Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.


Ар къыщигъуэтыжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, ахъшэ сфӀэкӀуэдар къэзгъуэтыжащ».


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.


Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ.


Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.


Удыгъэ Ӏуэхум хэт цӀыху куэдым я тхылъхэр зэхуахьэсри, цӀыху псоми ялъагъуу ягъэсащ. А тхылъхэм я уасэхэр къыщалъытэм, дыжьын ахъшэ мин щэ ныкъуэ хъуащ.


Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan