Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 15:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

32 Дымынэщхъейуэ дынэщхъыфӀэн, дыгуфӀэн хуейт иджыпсту, уи къуэшыр лӀати, къэпсэужащ, кӀуэдати, къэдгъуэтыжащ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 15:32
13 Iomraidhean Croise  

Тхьэм хуэщыпкъэхэм ар ялъагъунщ, Зиусхьаным щышынэнущ, А цӀыхум щыдыхьэшхыурэ, жаӀэнщ:


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


Мы си къуэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ». Ар жиӀэри, гухэхъуэ Ӏэнэр трагъэуващ.


– Апхуэдэу щыхъум, адэм къыжриӀащ: «Си къуэ! Уэ сытым щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм журтхэр имыдэ щыхъум, дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ. Тхьэм журтхэр аргуэру щызришэлӀэжкӀэ, дауэ зэрыхъунур? Ар лӀахэр къызэрытэджыжынум хуэдэнущ.


Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,


Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ, уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan