Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 15:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

31 – Апхуэдэу щыхъум, адэм къыжриӀащ: «Си къуэ! Уэ сытым щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

31 Адэм мыпхуэдэу жиӀащ абы щыгъуэ: «Си щӀалэ! Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 15:31
9 Iomraidhean Croise  

Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».


Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».


ПщылӀыр унэм игъащӀэкӀэ исынукъым. Адэм и къуэр арщ унэм игъащӀэкӀэ исынур.


Аращи, сыщӀоупщӀэ: Тхьэр езым и лъэпкъым хуэмеиж хъуа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри израил лъэпкъым сыщыщщ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм сащыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ.


Хэт Тхьэм зыгуэркӀэ етар, Тхьэм абы тыгъэ къритыжыну?»


А си къуэшхэр израил лъэпкъырщ. Ахэрщ Тхьэм езым и бын ищӀар. Ахэращ Тхьэм и щӀыхьышхуэр зригъэлъэгъуар. Тхьэм езымрэ абыхэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэр дилъхьащ. Торэт хабзэр зритари ахэрщ. Езыр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэр Тхьэм зригъэлъэгъуари ахэращ. Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ игъэгугъари ахэрщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan