3 Хьисэ мы ущие хъыбарыр абыхэм яжриӀащ абы щыгъуэ:
3 Хьисэ щӀагъыбзэ къригъэжьащ абы щыгъуэ:
Абы и пӀэкӀэ, израил цӀыхухэу мэл щхьэрыуахэм ещхьхэм я деж фыкӀуэ.
Ущие хъыбаркӀэ цӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд яжриӀащ Хьисэ итӀанэ: – ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ.
ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.
Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.
– Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зы фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур губгъуэм къринэу, фӀэкӀуэдар къигъуэтыжыхукӀэ лъыхъуэнукъэ?
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – етӀуанэу еупщӀащ Хьисэ абы. – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – ФӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.