Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 15:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 – Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, унэм щӀыхьэжын идакъым. И адэр къыщӀэкӀри, щӀыхьэжыну къелъэӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, дыхьэжын идакъым. Ауэ адэр къыдэкӀри, къеубзэу къелъэӀуащ: «Ныдыхьэж, си къуэ», – жиӀэри.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 15:28
25 Iomraidhean Croise  

Ахъшэр Ӏахри, жызум хадэр зейм едауэу щӀадзащ.


Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, лъэгуажьэмыщхьэу къэтӀысри къелъэӀуащ: – Ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.


– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.


Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.


УнэӀутым къыжриӀащ: «Уи къуэш нэхъыщӀэр къэкӀуэжащ. Уи адэм, ар узыншэу къызэригъуэтыжам щхьэкӀэ, танэ гъэшхар фӀригъэгъэжащ».


Ауэ абы и адэм жриӀащ: «Мис, сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэрэ, уи унафэхэми зэи сытекӀакъым. Си ныбжьэгъухэм гухэхъуэ Ӏэнэ яхутезгъэувэн щхьэкӀэ, зэи зы чыцӀи къызэптакъым.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?


Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.


Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.


Ауэ пщӀэ зиӀэ цӀыхубзу Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ къалэм и пашэхэмрэ къызэщӀагъэплъащ журтхэм. Арати, цӀыхухэр Паулрэ Варнавэрэ ятезэрыгуэну зэщӀаӀэтащ, я хэкуми кърахуащ а тӀур.


Къалэхэу Антиохиерэ Икониерэ къикӀри, журт гуп къэкӀуащ абы и ужькӀэ. Тегушхуауэ апостолхэм Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэм, журтхэм «Мы лӀыхэм жаӀэр пэжкъым, пцӀы яупс», жаӀэурэ цӀыхухэр апостолхэм къыбгъэдашащ. А журтхэм цӀыхубэр зэщӀагъаплъэри, Паул мывэкӀэ къеуэурэ къаукӀыну хэтащ икӀи, лӀауэ ялъытэри, къалэм далъэфащ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.


Сэ сыщӀоупщӀэ аргуэру: израил цӀыхухэм хъыбарыфӀыр къагурымыӀуауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ къагурыӀуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и цӀэкӀэ Мусэ бегъымбарым псом япэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Зы лъэпкъ гуэрым щымыщхэм фезгъэфыгъуэнущ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ лъэпкъми фыхуэзгъэгубжьынущ».


Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.


Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan