Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 15:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 УнэӀутым къыжриӀащ: «Уи къуэш нэхъыщӀэр къэкӀуэжащ. Уи адэм, ар узыншэу къызэригъуэтыжам щхьэкӀэ, танэ гъэшхар фӀригъэгъэжащ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

27 «Уи къуэшыр къекӀуэлӀэжащ, – жиӀащ унэӀутым. – Уи адэм ар псэууэ, узыншэу къызэрыӀэрыхьэжам щхьэкӀэ танэ гъэшха фӀыдигъэгъэжащ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 15:27
8 Iomraidhean Croise  

– Пащтыхьым нэгъуэщӀ унэӀутхэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: «Фыкъеблагъэ зыжесӀахэм яжефӀэ: Ӏэнэр хьэзырщ, выхэри, хьэгъуэлӀыгъуэм хуэзгъэшха нышхэри фӀезгъэгъэжащ, псори хьэзырщ, хьэгъуэлӀыгъуэм фыкъеблагъэ».


УнэӀутхэм ящыщ гуэр къриджащ, «Сыт къэхъуар?» жиӀэри щӀэупщӀащ.


– Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, унэм щӀыхьэжын идакъым. И адэр къыщӀэкӀри, щӀыхьэжыну къелъэӀуащ.


Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».


Ар си деж къакӀуэщ, къызбгъэдыхьэри, къызжиӀащ: – «Си къуэш Щаул, уи нэхэр къэплъэжынущ». Ар зэрыжиӀэу, си нэхэр къэплъэжри, а лӀыр слъэгъуащ.


Арати, Ананий а унэм кӀуэри щӀыхьащ. И Ӏэхэр Щаул и щхьэм трилъхьэри, жиӀащ: – Щаул, си къуэш, уэ мыбы укъыщыкӀуэм щыгъуэ Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум къыщыпхуэхутам сыкъигъэкӀуащ, уэ уи нэхэр къэплъэжын икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уи гум кууэ хыхьэн щхьэкӀэ.


унэӀутым хуэдэу мыхъужу, атӀэ унэӀутым нэхърэ нэхъыфӀыжу, фӀыуэ плъагъу къуэшым хуэдэу, игъащӀэкӀэ бгъуэтыжыну арагъэнкӀэ хъунщ. СэркӀэ куэду лъапӀэщ, уэркӀи нэхъ лъапӀэжщ, цӀыху хуэдэу икӀи Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшым хуэдэу ар зэрыщытыр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan