Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 15:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Си адэм деж сыкӀуэжынщи, жесӀэнщ: Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

18 Си адэм деж сыкӀуэжынщи, мыпхуэдэу жесӀэнщ: Си адэ, Тхьэми уэри сынывэкъуэншэкӀащ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 15:18
36 Iomraidhean Croise  

Сэ сызэрыкъабзэу сопсэу; сыхэшыж, гущӀэгъу къысхуэщӀ.


Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.


– ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.


– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу: «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.


Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?


– Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ, – яжриӀащ Хьисэ. – «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекӀуэ. Уэ узыхуейр, уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.


– ЩӀалэм и тхьэмыщкӀагъэр къыщыгурыӀуэжым, и щхьэ хужиӀащ: «Си адэм и лӀыщӀэхэр сыт хуэдиз хъуми, абыхэм яшхын яхурикъуни къелыжыни яӀэщ, ауэ сэ мэжалӀэм сиукӀыу, мыбы сыщыӀэщ.


Уэ узикъуэщ къызжепӀэну сэ схуэфащэкъым. Уи лӀыщӀэхэм ящыщ зы хуэдэу сэри сыщтэ».


– ЩӀалэм и адэм къыжриӀащ: «Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ. Уэ узикъуэщ къызжепӀэну схуэфащэкъым».


– Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan