Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 15:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 – Зыкъом дэкӀа нэужь, къуэ нэхъыщӀэм иӀэ псори зэщӀикъуэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ. И мылъкур а къэралъым щхьэпсыншагъэкӀэ щигъэкӀуэдащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

13 Куэди дигъэкӀакъым, къылъысар зэщӀикъуэри, къуэ нэхъыщӀэр щӀыпӀэ жыжьэ гуэрым кӀуащ. А щӀыпӀэм щыӀэху, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зритри, и мылъкур Ӏисраф ищӀащ абы.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 15:13
35 Iomraidhean Croise  

– Къуэ нэхъыщӀэм и адэм жриӀащ: «Си адэ, мылъкум щыщу къыслъысыну Ӏыхьэр къызэт». Арати, адэм мылъкур яхуигуэшащ.


Псори фӀэкӀуэдауэ, а къэралым гъаблэшхуэ къыщыхъури, щӀалэр тхьэмыщкӀэ дыдэ хъуащ.


Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».


– ЛӀы бей гуэрым унэзехьэ гуэр иӀащ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. – «Мы лӀым уи мылъкур пфӀегъэкӀуэд», жраӀащ цӀыхухэм лӀы бейм.


– ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт.


Ауэ иджы, Мэссихь фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фэ, зэгуэрым Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэр, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ Тхьэм гъунэгъу фыхуэхъуащ.


Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ.


Взаджагъэу ящӀам хуэфащэр ягъуэтыжынущ. Махуэ къэси ахъшэ куэд зытрагъэкӀуадэу, загъэтхъэжыну псэуну яфӀэфӀщ. КъыщывдэшхэкӀэ, щӀыкӀейуэ икӀи напэтехыу щытхэурэ, фыкъызэрагъапцӀэмкӀэ загъэтхъэж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan