Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 14:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

27 Си ужь къиувэу Сэр щхьэкӀэ гугъу зезымыгъэхьыфыр, уеблэмэ и гъащӀэр итыну мыхьэзырыр си гъэсэн хъунукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 14:27
12 Iomraidhean Croise  

Ар хэтуи щрет, и жорыр къищтэу си ужь къимыувэр сэ къысхуэфащэкъым.


Ауэ абы игукӀэ лъабжьэ зэримыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абы гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ар.


Ар щыжиӀэм, Хьисэ а лӀым еплъщ, игу ирихьри, жриӀащ: – Зыщ уи щыщӀагъэр. КӀуэ, уиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Жорыр къащтэ, къакӀуи, си ужь къиувэ итӀанэ.


Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.


– Фщыщ гуэрым бэтэгъей ищӀын хуей хъумэ, япэщӀыкӀэ тӀысрэ, зыхуеину псор къилъытэу, бэтэгъейр зэрыригъэухуэн ахъшэ иӀэрэ имыӀэрэ зригъэщӀэн хуейкъэ?


Хьисэ, и жорыр ихьурэ, къалэм дэкӀри, «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм кӀуащ. А щӀыпӀэм журтыбзэкӀэ Голгофэщ зэреджэр.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan