Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 14:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 – УнэӀутым къигъэзэжри, Ӏуэхур зэрыхъуар и тепщэм къыжриӀэжащ. Апхуэдэу щыхъум, бысымыр къэгубжьри, унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми и уэрам цӀыкӀухэми псынщӀэу дыхьи, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, лъашэхэр мыбы къашэ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

21 Арати, унэӀутым къигъэзэжри, къыжраӀар и тхьэмадэм хуиӀуэтэжащ. Апхуэдэу щыхъум, Ӏэнэ къызэтезыгъэувар къэгубжьри, и унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми уэрам зэвхэми псынщӀэу ирикӀуи, факъырэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, щӀакъуэхэр си унэ къишэ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 14:21
38 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.


Щыпкъэ дыдэу, ныбжь хуэдэ, цӀыхур къокӀуэкӀ; пщӀэншэуи мэлъэпхъащэ, мэугъуае, къызыхуэнэжынури имыщӀэу.


– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.


Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ: – Фарисейхэм а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?


Адрей унэӀуту ар зылъэгъуахэм я гум икъукӀэ къеуати, пащтыхьым деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ.


– «Ӏуэху дэзыгъэлэжьын дгъуэтакъым», къыжраӀащ абыхэм. – «Фэри фыкӀуи, си жызум хадэм фыщылажьэ. Къэвлэжьыр фэстынщ», яжриӀащ абы.


Ауэ гухэхъуэ Ӏэнэ щытебгъэувэкӀэ, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, лъашэхэр, нэфхэр къегъэблагъэ.


– Ещанэми жиӀащ: «Сэ фыз къэсшащи, сынэкӀуэфынукъым».


– УнэӀутым къыщигъэзэжым, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, уи унафэр згъэзэщӀащ, ауэ тӀысыпӀэ нэщӀхэр щыӀэщ иджыри».


Сэ нывжызоӀэ, къезгъэблэгъахэм ящыщ зыри си ерыскъым къыхэӀэбэнукъым». – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу.


– Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ.


Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.


Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


И жьэм лъэпкъхэм зэреуэну джатэ жан къыжьэдокӀ. ГъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ лъэпкъхэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и губжьышхуэм и жызум зэрапӀытӀ чеишхуэм жызумхэр щапӀытӀэнущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan