Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 14:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 – Ауэ псоми, зэрыгъэӀуща нэхъей, щхьэусыгъуэхэр ящӀу щӀадзащ. Япэрейм унэӀутым къыжриӀащ: «Сэ щӀы къэсщэхуащи, сыкӀуэу абы семыплъмэ, хъунукъым. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

18 Ауэ зэгурыӀуа нэхъей псори къелъэӀужащ зэрыхуемыблэгъэфым щхьэкӀэ губгъэн яхуимыщӀыну. Зым мыпхуэдэу къиӀуэхуащ: «Сэ щӀы Ӏыхьэ къэсщэхуащи, сыкӀуэу семыплъу хъунукъым, кхъыӀэ, губгъэн къысхуумыщӀ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 14:18
24 Iomraidhean Croise  

Гухэхъуэ Ӏэнэр щытраувэну сыхьэтыр къыщысым, къеблэгъэнухэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэну: «Иджы фыкъеблагъэ, псори хьэзырщ».


– НэгъуэщӀ зыгуэрми жиӀащ: «ВипщӀ къэсщэхуащи, я щытыкӀэм сеплъыну сокӀуэ. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».


Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.


Езым и къэралым къэкӀуащ, ауэ абы и цӀыхухэм ар ядакъым.


Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.


Апхуэдэу щытми, сэри апхуэдэ Ӏуэхухэм сащыгугъын слъэкӀынт. ЦӀыху гуэр пкъым епха Ӏуэхухэм ящыгугъ хъуну къыфӀэщӀмэ, сэ а цӀыхум нэхърэ а Ӏуэхухэм нэхъ сащыгугъ хъунущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.


Щыпкъагъэр зэхахыну ямыдэу, гъуэщауэ, шыпсэ гъэщӀэгъуэнхэм едэӀуэнущ.


Фэ фщыщу зыри зинэ зыщӀэ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау хуэдэу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иӀэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкӀэ ищэжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan