Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 14:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Щэбэт махуэу, фарисейхэм я унафэщӀ лӀы гуэрым Хьисэ иригъэблагъэри, Ӏэнэ къыхуищтащ. ХьэщӀэхэм я нэр Абы трамыгъэкӀыу кӀэлъыплъырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 14:1
19 Iomraidhean Croise  

Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ, сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.


Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр гъащӀэм нэхърэ нэхъыфӀщи, щӀыхь пхуэсщӀынщ.


– ЦӀыхур мэлым нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэкъэ? Аращи, щэбэт махуэм фӀы пщӀэну хабзэм къозэгъ.


Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ фарисей гуэрым игъэшхэну и унэ иригъэблэгъащ. Абы и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.


ЛӀы гуэр зэщӀэбэгауэ Хьисэ и пащхьэм къиуващ асыхьэтым.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сыт щыгъуэ къэкӀуэну? – жаӀэу фарисейхэр Хьисэ щеупщӀым, абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр нэрылъагъуу къэкӀуэнукъым,


Арати, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ кӀэлъызеплъэ зэпытт, икӀи ӀулъхьэкӀэ ящэхуауэ, щыпкъагъэ ягу илъ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цӀыху фэрыщӀ гуп хуагъэкӀуащ абы. Хэкум ипщу тепщэныгъэ зиӀэм ӀэщӀагъэхуэн щхьэкӀэ, Хьисэ псалъэ гуэркӀэ къаубыдэну гугъэрт.


Щэбэт махуэм Хьисэ а лӀыр игъэхъужынрэ имыгъэхъужынрэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ.


Фарисейхэм ящыщ лӀы гуэр щыӀащ Никодим и цӀэу. Ар журт пашэхэм ящыщт.


Ауэ Гамалиил и цӀэу, цӀыху псоми щӀыхь зыхуащӀ фарисей икӀи торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэсти, къэтэджри, апостолхэр пэшым щӀашыну унафэ ищӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan