Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 13:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 КъуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи къикӀынурэ, я тӀысыпӀэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щаубыдынущ цӀыхухэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 ЦӀыхухэр къуэкӀыпӀэмкӀи, къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи, ипщэкӀи къикӀынурэ, Тхьэр щытепщэ щӀыпӀэм къыщаӀэтыну гуфӀэгъуэшхуэм хэтынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 13:29
14 Iomraidhean Croise  

ИкӀи хъунущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр щӀылъэ пшахъуэм и бжыгъэм хуэдизу куэд; щыпсэунущ ахэр къухьэпӀэмкӀи къуэкӀыпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи; уэрэ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэмрэ фи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящызгъэхуэнущ дунейм и лъэпкъ псоми.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, къуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи цӀыху куэд къикӀынурэ, Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я гъусэу Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щхьэж и тӀысыпӀэ щиубыдынущ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дунейм и лъэныкъуиплӀыкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


Я ужь итхэм ящыщхэр япэ ищынущ, япэ итхэм ящыщхэри я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.


Аращи, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм Тхьэм къазэрылъигъэӀэсар фэ зэвгъащӀэ. Ахэри а хъыбарым едэӀуэнущ.


Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan