Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 13:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым. ФызбгъэдэкӀ, фэ бзаджащӀэ псори!»

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

27 Ауэ абы мыпхуэдэу жэуап къывитыжынущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикӀами, сщӀэркъым. Си пащхьэм фикӀ, бзаджащӀэхэ!»

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 13:27
15 Iomraidhean Croise  

Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр зи гум щыпкъагъэ илъхэм я гъуэгу щыгъуазэщ, ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгур кӀуэдыпӀэщ.


Сыжейркъым, унащхьэм и закъуэу тес бзум хуэдэу сыщысщ.


Я нэпсхэр къыщӀэжурэ жылэ зысэхэм Ӏурехыж гуфӀэгъуэм хэту.


Псыхэм ящхьэкӀэ Зиусхьэным и макъ къыщоӀу; Тхьэуэ щӀыхь зиӀэм и макъыр щыблэ макъым хуэдэщ. Зиусхьэным и макъыр псы куэдым ящхьэкӀэ итщ.


Щхьэщытхъухэм ялъэкӀынкъым уи пащхьэ иувэн. БзаджащӀэ псори Уэ уи жагъуэщ.


Нэщхъеягъуэм ирихащ си нэр, иригъэгъукӀащ, жьы хъуащ си бийхэм я ягъэкӀэ.


– Ауэ абы жиӀащ: «Пэжыр нывжызоӀэ, фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ. – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».


Ауэ Тхьэр фӀыуэ зылъагъум Тхьэм къыбгъэдэкӀ щӀэныгъэ егъуэт.


Ауэ иджы Тхьэр фщӀэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищӀауэ жысӀэмэ, нэхъыфӀкъэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэ а еплъыкӀэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщӀыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылӀ фахуэхъужыну фыхуей?


Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan