Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 13:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ. – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

25 Унэр зейр къэтэджрэ куэбжэр къигъэбыдэжа нэужь, «Зи щӀыхьыр ин, куэбжэр къытхуӀух» жыфӀэрэ куэбжэм фытеуӀуэу щӀыбым фыкъыдэнэнущ. Ауэ унэр зейм мыпхуэдэу къывжиӀэнущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикӀами, сщӀэркъым».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 13:25
12 Iomraidhean Croise  

Аращи, сыт хуэдэ псэущхьэми щыщу хъурэ бзырэ ихьащ кхъухьым Тхьэм Нухь къазэрыхуигъэувам тету. ИтӀанэ Зиусхьэным кхъухьым и бжэр абыхэм якӀэлъыхуищӀыжащ.


Зиусхьэным езым и псалъэкӀэ уафэгухэр къигъэщӀащ, и унафэкӀэ – уэгум къыщынэхухэр.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


– Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым. ФызбгъэдэкӀ, фэ бзаджащӀэ псори!»


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жыфӀэурэ, сыт къыщӀызжефӀэр, сэ жысӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ: «Игъуэу щыслъыта махуэм узэхэсхащ, цӀыхухэр мыкӀуэду къыщезгъэл махуэми дэӀэпыкъуэгъу сыпхуэхъуащ». Мис иджыщ Тхьэм игъуэу илъытэ зэманри цӀыхухэр мыкӀуэду абы къыщригъэлыну махуэри.


ИтӀанэ, зэрыфщӀэщи, Тхьэм и нэфӀ зыщигъэхуэн щхьэкӀэ, Эсау и адэр Тхьэм иригъэлъэӀуну хуеящ, ауэ и адэм хуидакъым. Эсау гъыурэ и адэм елъэӀуа пэтми, ар и псалъэм тригъэкӀыфакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan