Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 13:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

16 Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ӏиблисым илъэхъауэ илъэс пщыкӀуий лъандэрэ иӀыгъ мы цӀыхубзыр, Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщыр, Ӏиблисым и бжьым дауэ къыщӀэзмышыжынрэ щэбэт махуэм?!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 13:16
11 Iomraidhean Croise  

Тхьэр ди гъусэмэ, дымыгъэхъэн щыӀэкъым. Ар ятекӀуэнщ ди бийхэм.


– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм щэбэт махуэр цӀыхум щхьэкӀэ игъэуващ, цӀыхур щэбэт махуэм щхьэкӀэкъым къыщӀигъэщӀар.


Ар щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ, Лазар къысхуэгъакӀуи, абы и Ӏэпэр псым хищӀэм, си бзэгум къытрилъхьэурэ ирегъэупщӀыӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы мафӀэм сыхэтщи, хьэзаб стелъщ».


КъегъэлакӀуэр мы унагъуэм нобэ къэкӀуащ, – жриӀащ Хьисэ Закхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ.


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.


Апхуэдэу хъумэ, зыхуейр яригъэщӀэну шейтаным иубыда нэужь, абы и хъым къикӀыфыжынущ ахэр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan