Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 13:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриӀащ: – ЦӀыхубз, уи узыр иджы щыщӀэдзауэ пщхьэщыкӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

12 Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриӀащ: – ЦӀыхубз, уи узыр пхэкӀыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 13:12
9 Iomraidhean Croise  

Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


Пщыхьэщхьэ щыхъум, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэд Хьисэ деж къашащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм зы псалъэкӀэ яхихуащ, Хьисэ сымаджэ псори игъэхъужащ.


Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ сымаджэ цӀыхубз гуэр жин бзаджэм иӀыгъыу абдежым щӀэтт. Зиузэхун лъэмыкӀыу, и тхыр ухуат абы.


И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan